Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

Пхъэпс еуэн

  • 1 еуэн

    (йоуэ) неперех. гл. 1. ударять, бить, колотить кого-л.
    / Зыгуэрым удын едзын.
    * Зырамыкур щхьэукъуэу {ефэндфым} щилъагъум, чы кIыхымкIэ абы и щхьэфэм еуащ. Т. Хь. Вым нэмысыр гуфэм йоуэ. (погов.) ГъущIыр плъа щIыкIэ еуэ. (погов.)
    2. биться обо что-л.
    / Жьэхэуэн, еуэлIэн.
    * Тенджызым и толъкъун губжьахэр етауэ, ерыщу нэпкъым еуэрт. Ш. А. Бгым натIэкIэ еуэ. (погов.)
    3. переносное играть (на каком-л. музыкальном инструменте)
    / Музыкальнэ Iэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкIын.
    Пшынэ еуэн. Роялым еуэн. ШыкIэпшынэ еуэн. Бэрэбан еуэн.
    4. косить
    / ПыупщIын, къэхын.
    Мэкъу еуэн.
    * Уеуэмэ мэкъущи, уемыуэмэ къурэщ. (погов.)
    5. рубить ( лес)
    / ПыупщIын.
    Мэз еуэн.
    6. жалить
    / Шэрэзыр хэукIэу уIэн.
    * Блэ зэуар аркъэным щощтэ. (погов.) Уэ блэ къоуамэ, сэ бэдж къызэуащ. (погов.)
    7. переносное стрелять в кого-что-л.
    / IэщэкIэ зыгуэрым удын едзын.
    ЩакIуэр мэз джэд лъэтам еуащ.
    * И кIэрахъуэр къысхурехри Блимышэхыу ар къызоуэ. фольк.
    Бадзэ еуэн см. бадзэ.
    {И} гу еуэн см. гу II.
    Еуэу ежьэжын смыться, смотать удочки.
    Еуи тIысыж ничего не поделаешь.
    Лъы еуэн см. лъы. НэкIэ еуэн см. нэ.
    Пхъэпс еуэн см. пхъэпс.
    Сабэ еуэн см. сабэ.
    Телефон еуэн см. телефон.
    Тхъу еуэн см. тхъу.
    ХьэпIацIэ еуэн см. хьэпIацIэ.
    ЩIыIэ еуэкIын см. щIыIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > еуэн

  • 2 пхъэпс

    / УнэлъащIэ ящIыну пхъэр джафэу зэраупс Iэмэпсымэ.
    Пхъэбгъулъэгупхъэр пхъэпскIэ гъэджэфын.
    * Колхоз бом ар зэрыщыпхъэщIауэ Джыдэр, пхъэхыр, пхъэпсыр къыздехьыж. Къу. Къ.
    Пхъэпс еуэн строгать.
    пхъэпс бгъунж рубанок с фигурным резцом, калевка
    / Пхъэ упсам и гъунэхэр нэхъ лъахъшэу зэрытрах, тхыпхъэ гуэрхэр зэрытрадзэ пхъэпс лIэужьыгъуэ.
    пхъэпс кIэщI см. пхъэфыщIпхъэпс. Пхъэпс кIэщIкIэ упсэн.
    / Пхъэ упсам зэрытеупсыхьыж пхъэпс.
    Пхъэбгъухэм пхъэпс кIыхькIэ теупсыхьыжын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пхъэпс

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»